-
1 фIыцIэ
I 1. чёрный ( о цвете)/ КIэгъуасэм, фIамыщIым и фэ зиIэ, къарэ.Вагъэ фIыцIэ. Пшэ фIыцIэ. ГъэщIэгъуэнщ, ахэр {фызхэр} гуащэ зэрыхъуу щхьэфIэпхыкI фIыцIэкIэ я щхьэр фIапхыкIыу щIадзэ. Хь. Хь.2. смуглый/ Къамылыфэ.ЩIалэ фIыцIэ.3. переносное ненавистный/ Жагъуэ.* ДищI илъ сщIэжыныр къалэн сщIауэ Изох бий фIыцIэм удын гуащIэ. Къэб. Шэ фIыцIэжьыр къыщытехуэм, Уи гыбзафэри сигу къэкIат. фольк.Дзэ фIыцIэ см. дзэ II.Щай фIыцIэу къимыдзэн см. щай.II добрая слава/ Щытхъу зыпылъ.{И} ФIыцIэ Iун распространяться ( о славе). ЩIалэм и фIыцIэ Iуащ. -
2 дзэ
I 1. зуб (у человека, животных)/ Шхыныр ирашхыу, ирагъэныщкIуу дзэлым къыхэкI къупщхьэхэкI цIыкIухэр.Дзэр къэкIын. Дзэр Iухун.2. зуб, зубец (напр. пилы)/ Дзэ щIыкIэу жьэдэха, дзэм ещхьу, щIа гуэр.Пхъэхым и дзэр IущIыкIащ.3. лезвие (ножа и т. п.)/ ИрыпаупщIIауэ къагъэсэбэп гуэрым и жаныпIэ.Сэм и дзэ.* ЗэкъуэшитIрэ дзитI зэIутрэ. (погов.)Дзэр зэрыгъэшхын скрежетать зубами; злиться.* ТекIуэныгъэм зеубгъур, бийхэм я дзэр зэрагъэшх. Къэб. Дыгъужьыжьыр къэгузэвауэ и дзэхэр зэрегъэшх. фольк. Трам и дзэр зэригъэшхыу къыжьэдэкIа псалъэхэр Аслъэн и тхьэкIумэм къиIуащ. Iуащхь.{И} дзэр зэтеуэн стучать зубами ( от холода).* ЩIалэ цIыкIур пIыщIати, и дзэр зэтеуэрт. фольк.Дзэр лъын злиться.* Мэжид къэкIуауэ и дзэр елъри щысщ, занщIэу узэIуридзэнуи тхьэ щеIуэж. Къ. Хь.Дзэр хуэлъын точить зубы на кого-л.Дзэр шын 1) набить оскомину (напр. кислыми яблоками).* {Иныжьым:} Мыр джэгукIэ щIагъуэщ, Си дзэр игъэшащ... фольк. 2) стесняться (сказать, сделать что-л.), не решаться на что-л.* Iуэхур зытетыр жесIэнут щIалэми, си дзэр мэш. Къэб.И дзэр IулIыкIын дать согреться ( о холодной жидкости).* -А псыр щIыIэIуэщ, и дзэр IумылIыкIыу уемыфэ, -жриIащ Iэминат ипхъу цIыкIум. Iуащхь.II войско/ Зауэ хуэIухуэщIэм хуэгъэхьэзыра, хузэщIэузэда и къарухэр.* Хъаным и дзэр унэ къэсыху цIыху плIырыплIу къуажэм ятриугуэшащ. Н. Ш. Зым тIур и дзэщ. (погов.)Дзэм ираджэн призывать в армию.Дзэ фIыцIэ полчище. -
3 гын
1. порох/ Фочышэ, топышэ сытхэр къэуэн папщIэ зэраузэд пкъыгъуэ.Гын щабэ. Гын пхъашэ. Гын фIыцIэ.2. лекарство/ Хущхъуэ.Щхьэ уз гын. Дзэ уз гын.3. переносное яд/ Щхъухь.* {Лидэ:} - УзыгъэлIэн гын уэстым фIыуэ услъагъуу, уэзмытмэ узмылъагъуу ара? Акъ. З.Гын {мыгъуэ} шхын объесться белены, обезуметь. -
4 щIы
I 1. ( хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэ) Земля ( планета)/ Ещанэу Дыгъэм пэщыт, цIыхухэр, псэущхьэхэр щыпсэу планетэ.* Дунейм щIалэгъуалэу тетыр фызэгухьэм, ЩIым мамырыгъэр тепщэ щыхъунщ. Iуащхь.2. почва, верхний слой земной коры/ ЩIы хъурейм и щхьэ къат и щIыIу.* Сенрэ Мэзанрэ ныбэгукIэ щIым зыхадзэри тIэкIурэ щылъащ, хьэкъей гуэрэн лъахъшэм хэлъу. Ж. Б.3. еплъ щIыгулъ. ЩIы фIыцIэ. ЩIы пшэр.4. страна/ Къэрал, хэку.Нэмыцэр ди щIым къихьэгъащ.ЩIы зэдэшх хъун оказаться равными по силе ( в национальном виде борьбы). ЩIалитIыр зэбэныхукIэ зэрытемыгъакIуэу щIы зэдэшх мэхъу.ЩIы фIыцIэм ихун сжить со света. Дзэ узым щIы фIыцIэм ирихун.ЩIы фIыцIэжьым щIэгъэлъэдэн закопать в землю, сжить со света.* Ар губжьащи щIы фIыцIэжьым ущIигъэлъэдэнщ.ЩIы фIыцIэм щIыхьэн провалиться сквозь землю.* - Елдар гъусэ щIыи зегъэхь. ЩIы фIыцIэм щIыхьами, къэгъуэт, - жиIащ {Инал}. КI. А.ЩIы хъурей земной шар.ЩIы щхьэфэ хъун! дай бог, чтоб ты превратился в прах! ( проклятие).ЩIым и гъунэ очень далеко; за тридевять земель. ЩIым и гъунэ щыIэн.ЩIым икIыжын исчезнуть, пропасть.ЩIым кIуэцIрыхун = щIы фIыцIэм щIыхьэн.ЩIым нэмыгъэсу зехьэн (лъагъун) безмерно любить, лелеять кого-л. ; с любовью и уважением относиться к кому-л. (напр. к родителям).* Зым нэхърэ адрейр нэхъ лIыхъужьу дэлъхуибл иIэт хъыджэбзым, икIи я шыпхъу закъуэр абыхэм щIым намыгъэсу ялъагъурт. Ад. таур.ЩIым псэ къыхэхьэн пробуждаться с наступлением весны ( о почве). ЩIым псэ къыхэхьэмэ, жыласэм щIадзэ.ЩIым пхрыхуам нэхъ къэщтэн предпочесть что-л. чему-л.* Фызыр апхуэдизкIэ укIытати, щIым пхрыхуам нэхъ къищтэнт.ЩIым щыщ щIыжын сровнять с землей. Унэ цIыкIур щIым щыщ ящIыжащ.ЩIым щIэпщхьэным хуэдэу = щIым пхыхуам нэхъ къэщтэн. ЩIым щIэпщхьэным хуэдэу укIытэн.ЩIым щIэхуэн = щIы фIыцIэм ихун.ЩIыр бжьэкIэ къэпщын лениться.* ЩIыр бжьэкIэ къепщри, къыпыщым тоувэ. Ад. таур.ЩIыр бзэгупэкIэ егъэбзеин = щIыр лъэдакъэпэкIэ егъэвэн нагнать страху.ЩIыр гъэпшэрын удобрять землю. ЩIыр куэншыбкIэ ягъэпшэр.ЩIыр зэгуэхуу я кум дэхуэн. Провалиться сквозь землю.* Иныжьыр абдеж иIэпхъукIри щIыр зэгуэхуу я кум дэхуа фIэкIа умыщIэну бзэхащ. Ад. таур.ЩIыр зехьэн ухаживать на землей.ЩIыр хъеин трястись ( о земле).ЩIыр щхьэцыкIэкIэ егъэпхъэнкIын = щIыр лъэдакъэпэкIэ егъэвэн.ЩIыр IэгуфэкIэ (IэгупсэкIэ) къэгъэзэн сокрушаться.* Дарихъан сымаджэ хьэлъэу, уз къыхэлъадэм и кIуэцIыкIыщIэр ичатхъэр гызу, хуэмышэчыжу щIыр IэгуфэкIэ игъазэу зепщыпщэу.. {щытащ}. КI. Т.щIы гъунэ 1. край земли, край света/ Дунейм и гъунэ, и кIэ.* - ЩIы гъунэм фыкIуэми, фысIэщIэкIынкъым, - жиIэрт иныжьым. фольк.2. граница/ Зыгуэрым бгъэдэлъ щIыр щиух.* Вгъэбыдэ фи Iуэхур щIы гъунэм, Вгъашхэ шагъдийхэр. П. Б.щIы кIапэ см. щIы гъунэ.* Индыр хъаныр тхьэгурымагъуэт, и щIы кIапэ къытехьэр занщIэу къищIэрт. фольк.щIы къат слой, пласт земли/ Хэлъ пкъыгъуэхэм елъытауэ, плъыфэкIи щытыкIэкIи щIыр IупщIэ-IупщIэу зэрызэщхьэщыкIхэм ящыщ зы.Лъэпщ и сыджыр щIы къатибл и кууагъыу хэтIат. Нарт.щIы къатибл религ. ад, преисподняя/ Диным къызэригъэлъагъуэмкIэ лIахэм я псэр здэкIуэж щIы щIагъым щыIэ дуней; ахърэт.* -ЩIы къатиблым къыщIэпхами къэгъуэт, - аращ Инал жиIар. КI. А.ЩIы къатибл ухъу провались ты в тартарары.ЩIы къатиблкIэ щIэулъадэ = щIы къатибл ухъу.ЩIы къатиблым ежэхын = щIы къатибл ухъу.ЩIы къатиблкIэ кIуэцIрыхун = щIы къатибл ухъу.щIы ныкъуэхь наем земельного участка с выплатой половины урожая хозяину/ Бэджэндэу къащта щIы Iыхьэ, гъавэу къытрахым и ныкъуэр щIыр зейм ептын хуейуэ.щIы тхьэкIумэкIыхь тушканчик/ Зи кIэбдз лъакъуитIыр нэхъ кIыхь губгъуэ дзыгъуэ лъэпкъ.щIы шэуэжа залежная земля/ Явэу щытауэ илъэс зыбжанэкIэ ямывэжа, зытемылэжьыхьыжа щIы Iыхьэ.ЩIы шэуэжахэми гъавэ тращIэу щIадзэжащ.щIы щхьэфэ поверхность земли/ ЩIым и щхьэ къат.щIы щIагъ подземелье/ ЩIым и щIагъ.II устар. зима/ Гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ яку дэлъ щIыIэгъуэ зэман; щIымахуэ.Гъэрэ щIырэ зэхэкIа нэужьщ жылэр щIым щыхалъхьэр.